- бгъэдэлъхьэн
- (бгъэделъхьэ) перех. гл. 1. положить кого-что-л. около кого-чего-л./ Зыгуэрым пэгъунэгъуу, жьэхэлъу зыгуэр гъэтIылъын. Зыгуэрым и пащхьэм зыгуэр илъхьэн, щыгъэтIылъын.* Аслъэн танэм удз цIынэр пщыхьэщхьэкIэрэ бгъэдилъхьэрт. Т. Хь.2. см. етын.* Купец лIыжьым и мылъкур зыри къэмынэу Николай бгъэделъхьэ . Ш. А.Iуэхур (зыгуэрым) бгъэдэлъхьэн см. Iуэху.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.